Monday, 10 August, 2026г.
russian english deutsch french spanish portuguese czech greek georgian chinese japanese korean indonesian turkish thai uzbek

пример: покупка автомобиля в Запорожье

 

Адыгэ уэрэд | Джэдыр кӏэцӏым, джэдэщым уожэ (псалъэхэр щӏэтхауэ)

Адыгэ уэрэд | Джэдыр кӏэцӏым, джэдэщым уожэ (псалъэхэр щӏэтхауэ)У вашего броузера проблема в совместимости с HTML5
ТЕКСТ: Джэдыр кӏэцӏым, джэдэщым уожэр, Къикӏэцӏари уи закъуэ уошхыр, Дэ абыкӏэ псэуа дыхъункъым. Уэлэхьи, уизгъэкӏыжынум! Ана-а! Уи фӏэщу жыпӏэрэ? Азалыхь, симыкӏыжыну! Джэдыр кӏэцӏым, джэдэщым сыжэм, Къикӏэцӏари си закъуэ сшхыжым, Джэдыжь закъуэр си дыщ къисхащи, Азалыхь, зыдэсхьыжынум! Пэжу?! Уи фӏэщу жыпӏэрэ? Уэлэхьи, здумыхьыжыну! Бжьын щӏэгъуэм уӏэпэзадэщ, Бжьын шхыгъуэм ужумэрэнщ, Дэ абыкӏэ псэуа дыхъункъым. Уэлэхьи, уизгъэкӏыжынум! Ана-а! Уи фӏэщу жыпӏэрэ? Азалыхь, симыкӏыжыну! Мэз укӏуамэ, уэ зыч къыумышэ, Мэзджэдухэм укъагъэшынэ, Шыдыжь закъуэр хьэм ебгъэшхынщи, Шыдыжь папщӏэу уэ ущӏэсщӏэнкъэ! Пэжу?! Уи фӏэщу жыпӏэрэ? Уэлэхьи, сыщӏумыщӏэну! Жэм шыгъуэм уӏэпэшынщ, Шэ шхыгъуэм уджэдуужьщ, Дэ абыкӏэ псэуа дыхъункъым, Уэлэхьи, уизгъэкӏыжынум! Ана-а! Уи фӏэщу жыпӏэрэ? Азалыхь, симыкӏыжыну! Джэдуужьым быргъ-сыргъ жумыӏэ, Уи бохъшэжьыр зэтыбокъузэ. Уи нэжьитӏыр щыкъузыкӏауэ Сыкъыщыпшэм сыкъэплъэгъуакъэ?! Пэжу?! Уи фӏэщу жыпӏэрэ? Уэлэхьи, сыномыплъат уэ! Зэдэуэныр дэ щыдгъэгъэти, Псэуныгъэм ди гур едгъэтыт. Зым ӏэпыхур адрейм къищтэжу, Зэнэ-зэпсэу дыздэпсэункъэ! Зым ӏэпыхур адрейм къищтэжу, Зэнэ-зэпсэу дыздэпсэункъэ! Псалъэхэр къыздихар: https://sites.google.com/site/mosadyghe/home/lyrics/d/dzedyr-k-ec-ym-dzedesym-uoze-versia-2
Мой аккаунт