Ivan Bakij The Circassian Call Track #12 Къаджэ, си хэку дыщэ. Lyrics: Arina Varouqa Music: Ivan Bakij 1уащхьэмахуэ и щыгу хужьыр Ди нэгу щ1эту гъащ1эр блок1. Ди гухэлъым, ди хэкужьым Дгъэзэжыну ди нэ къок1. Къаджэ, къаджи си хэку дыщэ, Уэ уи куэщ1 п1эщхьагъ щытхуэщ1. Къаджэ, къаджэ си хэку дыщэ. Дикъухьащи, ди гур хощ1. Адыгэбзэ т1урымыхуу, Уи бжэкъуагъ дыкъуэгъэсыж. Уи дахагъэм гу щыдмыхуэу, Дынэк1уам къыдогъэзэж. Къаджэ, къаджи си хэку дыщэ, Уэ уи куэщ1 п1эщхьагъ щытхуэщ1. Къаджэ, къаджэ си хэку дыщэ. Дикъухьащи, ди гур хощ1. Сыхагъадэм Дуней ф1ыгъуэм, Си Кавказыр еф1эк1ынщ. Уи деж нак1уэм зы лъэс лъагъуэ, Дуней гъуэгум къахэсхынщ. Къаджэ, къаджи си хэку дыщэ, Уэ уи куэщ1 п1эщхьагъ щытхуэщ1. Къаджэ, къаджэ си хэку дыщэ. Дикъухьащи, ди гур хощ1.